Сыр-сыр
Appearance
Сыр-сыр | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Gallinago gallinago Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Сыр-сыр (лат-бз. Gallinago gallinago) — сыр-сыр лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]БзуупцӀэм хуэдизынщ. Теплъэр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, кусэ гъуэжьыфэхэр, хужь-гъуафэхэр ирехэу хэлъу. Ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, хулъащхьэмрэ бгъэгумрэ гъуэжьыфэ мащӀэ къыщӀэуэу, кусэ фӀыцӀэхэри хэлъу. Пэ кӀыхьщ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Еуропэмрэ Ипщэ Азиэмрэ хуабжьу зыщызубгъуа лӀэужьыгъуэщ. Къаукъазыкум куэду уащыӀуощӀэ гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щыблэлъэтыкӀкӀэ, ауэ щыгъуалъхьэхэкъым. ЩӀымахуэр здырах щӀыпӀэхэм ящыщ КъаукъазщӀыбагъыри, ауэ нэхъыщхьэу здэлъэтэжхэр Африкэм и щӀыпӀэ щхьэхухэмрэ Ипщэ Азиэмрэщ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ӏусым хохьэ хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, мащӀэу удз жылэ. ЩышхэкӀэ сыр-сырым куэдрэ ятӀэ хъудырым, е псым и пэр хеӀу, хьэмбылу цӀыкӀу сыт къыпэщӀэхуэмэ и пӀэр къимыӀэту ирегъэнтӀрэх.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.