Аустралиэ
Аустралиэ Зэгуэт Commonwealth of Australia | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Advance Australia Fair» ( едэӀун (info)) | |||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | инджылыбзэ (де-факто; юридическэ статус иӀэкъым) | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Канберра | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Конституциэ пэштыхьей | ||||
Гуащэ Генерал-губернатор Премьер-министр |
Елизавета II Куентин Брайс Джулиа Галлард | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
6-нэ дунем 7 692 024 км² 1 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
22 340 974 цӀыху 2,8 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$800,200 млрд. (18-нэ) $37.302 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Аустралиэм и доллар | ||||
Интернет-доменхэр | .аu | ||||
Телефон кодыр | 61 | ||||
Зэманыгъуэхэр | 8; 10 | ||||
Аустралиэ Зэгуэт (ин-бз. Commonwealth of Australia; урбз. Австралийский Союз), Аустралиэ (ин-бз. Australia, лат-бз. къыхокӀ псалъэр austrālis "ипшъэ") — ШӀыгум ипшъэ лъэныкъуэм хэт къэрал, Аустралиэ континентымрэ Тасман хы тӀыгумрэ еубыд. Дунейм и инагъымкӀэ еханэ. Ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ - КъуэкӀыпӀэ Тиморыморыр, Индонезиэ, Папуа Гуинеэ КӀэ джоуэ хэтхэ, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ - Вануату, Каледониэ КӀэ, Соломон хы тӀыгухэр джоуэ хэт, ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм - Зеландиэ КӀэр хэт[1].
Къалэ Ӏаташъхьар Канберра.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ядэдыду цӀыху щыпсоуахэр Аустралиэм абэригенхэра, мин 42 илъэскӀэ узэӀабэкӀыжьмэ ихьахэ а шӀыгум. Еуропэм щыщу япэреуэ Аустралиэр къэзгъуэтар Биллем Янсзон, 1606 гъэм, ЩӀылъабжьэхэрм щыщ. 1770 гъэм иӀуфэхэм, кхъухь "Индеворым" ису, Джеймс Кукыр Ӏохьар. Аустралиэм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр Британым еуэ траӀуэ. 26 щӀышылэм 1788 гъэм япэрей колониэ яшъыр - Уэлс Ипшъэ КӀэ. Джылэ дэсыр зэрыхэхъум хуэдурэ XIX лъэхъэнэм, Аустралиэм ишӀыпӀэм иджыри колониэ тхуы яшъыр, шхьадж езым иӀаташъхьа пэштыхьым еуэ иӀу.
1 щӀышылэм 1901 гъэм а колониэ хыр федерациэ мэхъухэр, Аустралиэ Зэгуэтыр яшъу.
Куейхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
|
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2007 гъэмкӀэ Аустралиэм джылу дэсыр: 20 001 546. Калъэ нэхъ инхэмрэ джылу дэсымрэ:
- Канбера - 333 940
- Сидней - 4 284 379
- Мелбурн - 3 806 092
- Брисбен - 1 945 639
- Перт - 1 507 000
- Аделаида - 1 138 800
Бзэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Кэралым ибзэ Ӏаташъхьар инджылыбзэ ауэ еуропэ инджылыбзэмрэ аустралиэ инджылыбзэмрэ япсэлъэкӀэр зэшъхьащокӀыр